ПСЫНЩ|ЭРЫПСАЛЪЭ

 

1- Куэ лъэныкъуэ лъэныкъуабэ.

2- Щыбжийыпс псы плъыжьыбзэ

3- Мей мин бэнащхьэ, банэ мин бэнащхьэ.

4- Бацэ сопхъ, цы сопхъэх.

5- Пыжь пызу пыту иту щыту жыг.

6- Уэ усэшхуэншэмэ сэ укъысхуэшэсхуэншэ, уищхьэ ухуэсэшхуэншэжщ.

7- Мы  джэд  уэд   гуэлмэдыныфэр  сэ  зэрысф|эджэд  уэд гуэлмэдыныфэм хуэдэу уэри пф|эджэд уэд гуэлмэдыныфэ.

8- Мы пхъэ къелэфэхып|эф|ыр сэ зэрысф|э пхъэ къелъэфэхып|эф|ым хуэдэу уэри пф|э пхъэ къелъэфэхып|эф|.

 

 

БЗЭКЪУТЭ-БЗЭЩ|ЫЖ

 

1- Дыгъэгъазэм зыщигъазэм дыгъэр щыгъуэзати, зыкъигъазэри и набзийхэмк|э къебзейри зибзейжащ.

 2- Мыщэр пэщащэу щэхуу мыщэхупщейм дэпщейри нэхущым къепщыхыжащ.

 3- Ц|ынэ и къуэ Ц|ынэшхуэ тхъуц|ынэ ц|ынэр хуэц|ынэ-ц|ынэу зэриупц|ыжурэ ешх.

 4- Хъани |эпэхъыр хъэрмэхъищэу зэрихъэри зэщ|эщхъыщхъэу бостеяпхъэу ищхъэрэ хъыджэбз хъэрахъэхэм яхипхъащ.

 5- Дзыгъуэм дзыдзэм зыщридзым дзыдзэм псыдзэм зыхидзащ, дзыдзэм псыдзэм зыщыхидзэм дзыдзэр псыдзэм щ|илъэфащ, ар щилъагъум дзыгъуэр гъащ.

 6- Дыгъэ къепсым сыкъригъэпсри си нэпсыр тк|уэпс-тк|уэпсу къыщ|игъэлъэлъащ.

 7- Хуарэр зыгъэхуэрахуэ шупэхутэ хуэшысэм хуэ|эрыхуэ л|ыхахуэ |умахуэ жьэнахуэм езым хуэдэ хуарэр зыгъэхуэрахуэ шупэхутэ хуэшысэм хуэ|эрыхуэ л|ыхахуэ |умахуэ жьэнахуэхэр хуотэджри хуохъуахъуэ.

 8- Мы жэм къуэху бжьэк|эрэф ныбэджафэ псы|уфэрыхъур уизакъуэу уи жэм къуэху бжьэк|эрэф ныбэджафэ псы|уфэрыхъу, хьэмэ псоми ди зэхуэдэ  жэм къуэху ныбэджафэ псы|уфэрыхъу.

 9- Щ|алэ щ|эращ|эр щ|ыунэ щ|ы|эм щ|ыхьэри щ|ак|уэ щ|агъым щ|элъ щ|акхъуэ щ|ылъэныкъуэр щ|ыб щ|ы|эм щ|ихри щ|ым щ|ит|ащ.

 10- Шаш и шыпхъур пэшым щ|эмызашэ
Шэцыкуэм шылэ тырешэ
Шэджагъуэм шухэр егъэшхэ
Пшапэм пшынэри егъэшэрашэ

 Гъубж |эбжьанэ иубзи
Бэрэжьей гыбзэ къыптихуэ

 Выуэ вэрэвит|
Выуэ вэрэвий
Выуэ вэрэвит|
Выуэ вэрэвий

 11- Удзыр гуэдзым гуэдзи, гуэдзыр удзым хэдзэ,
Гуэдзыр удзым гуэдзи, удзыр гуэдзым хэдзэ.
 

Back

 




Articles, Publications & Documents  |  Links  |  Home Page