СОСРЫКЪУЭ И ПШЫНАЛЪЭ
 

Сосрыкъуэу си къан,

Соспыкъуэу си нэху,

Зи мэ|уху дыщафэ,

Афэр зи джанэ куэщ|,

Дыгъэр зи пы|э щыгу

Ещыгуауэу уошэс,

Нарт хасэ уахохьэ,

Уи фэр пыхьэ-пык|щ,

Уи гур ирагъэк|аи!

Дыгъуасэрей хасэм

Сытып къыщулъагъу?

-Уэ ди анэу Сэтэней!

Фыз хасэ щ|эупщэркъым,

Фыз упщ|эж ирахьэл|эркъым,

Езыхьэл|эр л|ы мыхъущ,

-Уэ си Сосрыкъуарц|э,

Сэ фызым сахыумыбжэ,

Сэ Нарт шу сыпащ|.

Ар сэ къызжомы|эмэ,

Уащхъуэ зысл|эжынк|э!

-Уэ Сэтэней гуащэ,

Уэ гуащэ мыгъуэжь,

Уэри зумыл|эж,

Дыгъуасэрей хасэм

Щыслъэгъуар бжес|энщ,

Нартхэ къыдагъаджэщ,

Нартхэ драгъашэри:

« Шурылъэс фыджэгу! »-

Нартхэм щыжа|эм,

Нартхэр бжьыхьэк|апэм,

Утй ныщ|эзгуашэщ,

Гэурэныгум сынихьэри,

Шыблэ выщ|эу сыгъуахъуэщ,

Си л|ыхъубжьи къэскъутэри,

Батырыбжи къызатщ,

Нартхи сыкъыдэк|щ,

Кхъаблэбанэ нэзгъазэщ,

Къуэ ебланэм къыдэк|ауэ,

Зы ф|ыц|агъэ къэслъагъущ,

Шым тес|ауэ къыщысщ|эм,

Зыщ|эгуауэри зыхищ|эркъым,

Сык|элъе|эри сыщ|ыхьэркъым.

Къэзгъэзэжри шымыхъум,

Зы теуэгъэ къаск|уауэ

Гу къыслъитэщ шу закъуэм,

Шым тес|ауэ къыщищ|эм,

Къысщ|эгуауэри зыхэсщ|эщ,

Къыск|элъе|эри къысщ|ыхьэщ,

Къэсмэ,

Нартхэ я бжыщхьэ дыкъуакъуэт,

Мыкъутэр я бжык|т,

И шы бэкъум сыдидзэри,

Си дзажэщ|ыр къикъутэри

Бжэныцрэ хьэцыпэу

Уэгум сыщызэрихьэщ,

Щ|ылъэм сыкърихьэхри,

Нарт вагъэбдзумиблыр

Блыпкъыпэк|э сигъавэщ,

Вэрэвиим я пщ|энт|эпсыр

Си нат|эпэм къыпхихури,

Быдзышэ хужьу сызэбгъэфари

|убыгъуищу сигъэк|щ,

Данагъуэу си пащ|эк|ит|ыр

Сабейм къыригъэхулщ.

И хуэш джатэр кърихыу

Щхьэ ф|эхыным щыхуэк|уэм:

-Уий Нартхэ я щауэ!

Нобэ ди лъэпкъ яук|ыркъым,

Зыук|аи хэк|ыжыркъым,

 Хьэрэмэ |уащхьэ ди п|алъэщ,

Махуищ п|алъэ къызэт!-

Хъуагъэщагъэ сыхуек|уэри,

Ди унэ сакъыф|эк|уэжщ.

-Уий си Сосрыкъуэ,

Уий сэ си къуэ к|асэ,

Сыт и шыфэл|ыфэ,

-Шыуэ зытеыср,

Лъэдакъэ цыджэщ,

Щхьэщ|ыдзэ к|ыхьщ ,

И щхьэр уэгувм етащ,

Зэ пк|эмэ, зэ малъэ,

Зэ лъэмэ плъагъужыркъым,

-Уий си Сосрыкъуэ,

Уий Сосрыкъуапц|э,

Л|ы ф|ыц|э гъущ|ынэ,

Емынэ шу!

Ар Албэч и къуэ Тотрэшщ,

Дзэгъэшынэ шу закъуэщ,

Зэадэзэкъуибгъу хъурти,

Им я щхьэр къозгъэхьащ,

Ар ебгъуанэу ди|эжщи,

И щхьэр къозгъэхьынщ...-

Сэтэней гуащэм

Жыр лэныстэр егъабзэ,

И жыр мастэ мэщыпэ,

Тэджэлейри шет|агъэ,

И къуэ к|асэр мэшэсри,

Хъуищэ-бгъищэр щ|егъуж,

Уэзджынищэр хещ|эри,

Сосрыкъуэ мэшэс.

Сосрыкъуэ щынэсым,

Шыгъуэ |элыр мэбгъунлъэ,

-Хьэм яшхыжыныр

Хэтым уиугъащтэ-

Шыгъуэ |элыр жьэдоуэ,

И жьэпхъэбгъуи хуекъутэ.

Соспыкъуэ щхьэщохьэри

Щхьэ ф|эхыным ныхуожьэ.

-Уи Нартхэ я щауэ,

Махуэ п|алъэ къызэт!

-П|алъэм п|алъэ къыхэк|мэ,

Нартхэ къытхуадэнкъым!-

Тотрэшым и щхьэр

Ф|ихри ежьэжащ.



Back

 




Articles, Publications & Documents  |  Links  |  Home Page