САБИЙ |УЭРЫБЖЭХЭР

 

Еру, еру,

Еру,  уашхэ,

Уашхэ ц|ык|ур

Мавэ- мат|э,

Абы и нат|эр сытым ирихрэ?

Мэш зэрахыр гъубжэщ,

Гъубжэ жаныр мэшым ирожэ,

Шыр зыгъажэр дэнэ щ|опщщ,

Пщым ящыгъыр тенщ,

Тен зырабзыр жыр лэныстэщ,

Жыр мастэм сродэ,

Щхьэкъуэ дыдыр зи бжащхьэ,

Щхьэм ф|а|ур чы матэ,

Матэм исыр жьынду,

Жьэм жьэда|ур бжэмышхщ,

Зытешхыхьыр |энэщ,

|энэри лъэкъуищщ,

Уэщри пхъэкъутэщ,

Екъутауэмэ,  маск|э къыдех,

Зи пщэ дахэр тхьэрыкъуэщ,

Зипкъ иныр махъшэщ,

Зи щхьэ пшэрыр шыдщ,

Зи к|э уэдыр бжэнщ,

« Уакъ-уакъ» - жызы|эр бабыщщ,

«Щу-щу» - жызы|эр мэз джэдщ,

Мэз адакъэри

Лъакъуапц|эщ,

Жылэр зыгъапц|эри

К|ыгуугущ,

Уэгум итри

Бгъэщхъуэщ,

Щхъуэжьк|э зэджэри

Дыгъужьщ.

Back

 




Articles, Publications & Documents  |  Links  |  Home Page